Сэ къысщохъу макъамэ дахэуэ,
Пщащэу сфIощI Iущащэу,
Дыгъэр хуэму йотIысэхри бгым доджэрэзэжыр,
Сфlощl щlэлэгъуэм къигъэзэжу.
О, си гъащIэ гъуэгури,
Уэ унэшэкъашэщ.
Зэм гуфIэгъуэ сошэри,
Зэм согъэгумащIэ.
ГъащIэм купщIэ иIэуэ сэ си гугъэр
Псом нэхъ лъапIэу лъагъуныгъэрщ.
Сыдэплъеймэ, жэщ вагъуэбэхэм срагъэгупсысыр
Ещхьщ ди гъащIэр пшахъуэ хьэдзэхэм,
Хэпхъау тенджызыпсым.
Мы дунейми дыщIытетми и жэуап сылъыхъуэу
Нэху согъэщыр сэ ди псыхъуэм.
О, си гъащIэ гъуэгури,
Уэ унэшэкъашэщ.
Зэм гуфIэгъуэ сошэри,
Зэм согъэгумащIэ.
ГъащIэм купщIэ иIэуэ сэ си гугъэр
Псом нэхъ лъапIэу лъагъуныгъэрщ.
Пщэдджыжьыпэм дыгъэ бзийхэмкIэ зелъэщIыж дунейми,
Къуалэбзум уэрэд къришхэмкIэ гур егъэпIейтейри,
Дунейр шэрхъыу мэкIэрахъуэри
Махуэм жэщ ехъуэжыр,
Ещхьу гъащIэми зехъуэжыр.
О, си гъащIэ гъуэгури,
Уэ унэшэкъашэщ.
Зэм гуфIэгъуэ сошэри,
Зэм согъэгумащIэ.
ГъащIэм купщIэ иIэуэ сэ си гугъэр
Псом нэхъ лъапIэу лъагъуныгъэрщ.